laguniga wored- kayser xase - woredagoe-Си дахэк1ей

Си дахэк1ей. Сэ уэ узэрыслъагъурэ уи маф1эм сесыр, Согъри соук1ытэ, сымыгъщи сызэгуоуд. Мы дунеижьышхуэм жэгъуэгъур щызикуэдщ, си дахэк1ей Еу мыгъуэ, сунэхъужа мыгъуэщ сэ. Си шыгъуэ ц1ык1ур к1эпск1э согъак1уэр, Уи лъагъуныгъэм сэ сигъэтк1уа мыгъуэщ сэ Жэгъуэгъур зи мащ1эм сыту и насып, си дахэк1ей Си гущхьэр къытебэга мыгъуэщ сэ. Мо ди 1уэщхьэжьым дыгъэ к1эредзэри, Си гум укъыщыридзэк1э, маф1э къысщ1онэ мыгъуэ сэ Лъагъуныгъэ маф1эр сыту къарууф1э, си дахэк1ей Яжьэ сыхъури сылъэлъэжа мыгъуэщ сэ. Мо дыгъэ бзийхэри нэм къыщоджэгури, Джэгум укъыхэхьэмэ мы си гур схуэмуыбыдыж Лъагъуныгъэ щэхур маф1э къысф1эхъунущ, си дахэк1ей Еу мыгъуэ, схуэмышэк1ыжын мыгъуэщ сэ. Гъатхэм и дахагъэм ц1ыхупсэр дехьэхыр, Сэ си псэр дехьэхыр жэгъуэгъум сф1агъэк1уэдаи, Сызэгуэмудыпэу зэ сынып1уплъэжтэм,си дахэк1ей Дуней к1ыф1ыр нэху къысщыхъун мыгъуэт сэ. laguniga wored kayseri xase adige kabardey çerkes çerkez kafkas uz
Back to Top