Бзэрабзэ Гуп - Си Хэку
Си Хэку...Сыту куэд къызэщlиубыдэрэ мы псалъэхэм... Зи Хэку имысыжым мыгъуэр и махуэщ... Жьакlэпэ нэпсу, Хэкур я хъуапсапlэу куэд ди япэ ищахэщ...
Ди нанэфl куэд, я гущэкъу уэрэдым хэту Хэкум и мэ lэфlыр нэну къэхъухэм lуралъхьахэщ.
А lэфlыр зыхэлъ зы Хэхэс уэрэд фи пащхьэ идолъхьэ.
Зытхар; Дэгумыкъо Орхьан
Зыгъэзащlэр;
Бзэрабзэ джэгуакlуэ гупым,
Къуэдзокъуэ Ислам,Чылар Нэсрэн, Мэршэн Муаед, Шэрджэс Жамбэч, Бэчмыкъо Бурак, Дау Аминэ,
Дыщэкl Артур ягъусэу.
Гупыр зи гъукlэгъасэныр;
Лосэн Тимурщ.