#21-2 (68-70 пычыгъуэхэр) Iэл-Гьэкъидэ ТIэхьауийе - Ди ФIэщхъуныгъэр

№21/2 Дерсыр: 68-70 пычыгъуэхэм я шэрхь. [68]-“Арамэ, егъэлеяуэ абы теухуауэ сакъ: (уи) хэплъэнкIи, (уи) хэгупсысыхьынкIи, (уи) хъуцэцэнкIи, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Аллаху Тэгьалам Ухыныгъэм теухуа щIэныгъэр къигъэщIахэм ящибзыщIащ, ар къалъыхъуэнри къапиубыдащ. Къызэрыхэщауэ (Аллаху) Тэгьалам и Тхылъым: “Езым (Алыхьым) ищIэмкIэ зыри къеупщIыркъым, ауэ езыхэм къеупщIыжынущ“. [69]-“Сыт апхуэдэу щIищIар?“-, жиIэрэ хэт (мыарэзыуэ) щIэупщIэми, абы КъурIэным и унафэр къабыл имыщIауэ аращ. КъурIэным и унафэр къабыл зымыщIри иманыншэхэм ящыщ хъуащ“. [70]-“Аращ, къызэщIэкъуауэ зыхуэныкъуэр, Алыхьым фIыуэ къилъэгъуахэм щыщу, зи гум нур къырадзар. ЩIэныгъэм лъэ быдэкIэ хэтхэри (зытет) теувапIэр аращ“.
Back to Top