Адыгэм и хадащIэ, жыггъэкI кIулътIурэр/Етхуанэ Iыхьэ

ФIэхъус апщий, адыгэ и бын. Ди япэ итахэр жыг гъэкIыным пылъыху езырыжу кхъужьей, мыIэрысей лъэпкъ къагъэхъуауэ пIэрэ жытIэри дыупщIат адыгэм и хадащIэ кIулътIурэр джыным зыщетпщытым. ИпэIуэкIэ Нартан щагъэкI кхъужьей лъэпкъхэм я гугъу фхуэтщIат. АтIэ Iуэхур ныкъуэцIалэ-ныкъуэтхьэщI мыхъун папщIэ ди псалъэ пыдощэж, Къэбэрдеижьу уэркъышхуэ жылэм и тхьэлъэIупIу МахуэгъэпскIэрэ дызэджэмкIэ доунэтI.
Back to Top